Дауэ уеплърэ?
Алыхьым ныбжьэгъу ухуэхъуну Библиер къыбдэІэпыкъуфыну пІэрэ?
ЯЗЫНЫКЪУЭХЭМ Я ГУГЪЭЩ
гуэныхь куэд зэралэжьым щхьэкІэ, Алыхьым и ныбжьэгъу зэи мыхъуфыну. НэгъуэщІхэм я гугъэщ Алыхьым дыкъыфІэмыІуэхуу. Уэ дауэ уеплърэ?
БИБЛИЕМ ЖИІЭР
Алыхьым «и дзыхь цІыху захуэхэрщ зригъэзыр» (Притчи 3:32, Гъэс.). Дэ Алыхьым дыхуэжыІэдаІуэмэ, абы и ныбжьэгъу дыхъуфынущ.
СЫТ ИДЖЫРИ БИБЛИЕМ КЪЫЩЫТЩІЭФЫНУР?
Алыхьыр хуейщ ди ныбжьэгъуу щытыну (Екъуб 4:8).
Алыхьыр ныбжьэгъуфІщ. Иеговэ къыддэІэпыкъуну икІи ди гуэныхьхэр къытхуигъэгъуну хьэзырщ (Псалом 86:5).
Алыхьым ифІэфІыр и ныбжьэгъухэми фІыуэ ялъагъу икІи абы илъагъу мыхъур абыхэми ялъагъу хъукъым (Рим 12:9).