ИЕГОВЭ И НЫБЖЬЭГЪУХЭМ ЩАПХЪЭ ТЕХ
Ханание, Мисаил, Азарие сымэ
Мы заданиер тхылъымпІэм тевдзи, Иеговэ и ныбжьэгъуу щыта Ханание, Мисаил, Азарие сымэ я щапхъэм узыхуригъасэр зэпкърыфх.
Адэ-анэхэ, Даниил 1:3—7 икІи 3 псалъащхьэм гу зылъытапхъэ едзыгъуэхэм фи сабийхэм я гъусэу фыкъеджи фытепсэлъыхьыж.
Заданиер сайтым къифхи тхылъымпІэм тевдзэ.
Япэ напэкІуэцІым ит цІыху цІыкІухэр къыхэвгъэжи, къызэрыгъэлъэгъуам фытету етІуанэ напэкІуэцІым ит сурэтым къызэтепх хъу открыткэ къыхэфщІыкІ. Ар сабийм и гъусэу щыфщІкІэ видеом хэт упщІэхэм жэуап ефт.