5-НЭ УРОКЫР
Алыхьым щІылъэм сыт хуэдэ мурад хуиІэр?
1. Сыт хуэдэ мурад иІэу Алыхьым щІылъэр иухуа?
Иеговэ щІылъэр цІыхухэм щхьэкІэ иухуащ. Ар дэ псоми ди унэщ. Япэ цІыхухъумрэ цІыхубзымрэ уафэм щыпсэун хуейуэ Алыхьым къигъэщІатэкъым. Уафэм щыпсэун щхьэкІэ Алыхьым къигъэщІар мелыІычхэращ (Иов 38:4, 7). Алыхьым цІыхухэр жэнэтым, Іэдэн жыг хадэ дахэм, иригъэтІысхьащ (ЩІэдзапІэ 2:15—17). Иеговэ хуеящ япэ цІыхуитІымрэ абыхэм я щІэблэмрэ гъащІэ мыухыж яІэу щІылъэм щыпсэуну. (Къеджэ Псалом 37:29; 115:16.)
ЯпэщІыкІэ Іэдэн жыг хадэ закъуэращ жэнэту щытар. Ауэ зэман дэкІа иужь япэ цІыхухъумрэ цІыхубзымрэ бын къалъхуу, щІылъэм цІыху тез ящІын хуеят. Абы жэнэтым зрагъэубгъуу, щІылъэ псор жыг хадэ дахэ ящІын хуейт (ЩІэдзапІэ 1:28). ЩІылъэр зэи къутэжынукъым. Ар сыт щыгъуи цІыхухэм я унэу щытынущ. (Къеджэ Псалом 104:5.)
«Алыхьым щІылъэр къыщІигъэщІар сыт?» жыхуиІэ видеороликым еплъ.
2. Сыт иджыпсту щІылъэр жэнэту щІыщымытыр?
Іэдэмрэ Хьэуарэ Алыхьым и жыІэм ебэкъуати, ахэр абы Іэдэн жыг хадэм кърихуащ. Жэнэтыр цІыхухэм яфІэкІуэдащ икІи ар зыми иухуэжыфакъым. Абы лъандэрэ щІылъэр цІыху бзаджэхэм я ІэмыщІэ илъ хъуащ. (Къеджэ ЩІэдзапІэ 3:23, 24.)
Иеговэ цІыхухэм теухуауэ иІа мурадым зихъуэжауэ пІэрэ? Хьэуэ! Алыхьым къаруушхуэ бгъэдэлъщ. Абы и мурадыр игъэзэщІэну зыри зэран хуэхъуфынукъым (Исаия 45:18). Алыхьым япэ дыдэу иІа мурадым тету цІыхухэм яритыну зыхуея жэнэтыр иухуэжынущ. (Къеджэ Псалом 37:11, 34.)
3. Алыхьым Жэнэтыр дауэ зэриухуэжынур?
Хьисэ Пащтыхьу щытетыну зэманым щІылъэм Жэнэтыр щаухуэжынущ. ЯпэщІыкІэ Хьисэ, мелыІычхэм я пашэу, Алыхьым и жыІэм щІэмыт дэтхэнэ зыри АрмагеддонкІэ зэджэ зауэм щигъэкІуэдынущ. Абы иужь Хьисэ ШейтІаныр илъэс 1 000-кІэ «щІылъэм и кууупІэ щІэ зимыІэм» иридзэнущ. Алыхьым и лэжьакІуэхэр а зауэм къелынущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм Хьисэ яжриІэнущ сыт ящІэн хуейми икІи къихъумэнущ. Абыхэм гъащІэ мыухыж яІэу щІылъэм щыпсэунущ. (Къеджэ Апокалипсис 20:1—3; 21:3, 4.)
4. Гугъуехьхэр щыщымыІэжыну зэманыр дапщэщ къыщысынур?
ЩІылъэм Іейр темытыжу Алыхьым дапщэщ щищІынур? А зэманыр къызэрысар къызэрытщІэну «нэщэнэхэр» Хьисэ къытхуигъэнащ. Дунейм къыщыхъу Іуэхугъуэхэм къагъэлъагъуэ цІыхубэр кІуэдыжынкІэ шынагъуэ зэрыщыІэр. А Іуэхугъуэхэм дэ къыдагъащІэ «мы дунейм и кІэухым» дызэрыщыпсэур. (Къеджэ Маттэ 24:3, 7—14, 21, 22.)
Хьисэ илъэс минкІэ тепщэу щыщытыну зэманым щІылъэм тет гугъуехьхэм кІэ иритынущ (Исаия 9:6, 7; 11:9). Ар Пащтыхьу зэрыщытыным нэмыщІ Дин пашэшхуэуи щытынущ икІи Алыхьыр фІыуэ зылъагъу псори гуэныхьым къыІэщІихыжынущ. Апхуэдэу Алыхьым Хьисэ къигъэсэбэпурэ узыфэхэри, жьыгъэри, лІэныгъэри игъэкІуэдыжынущ. (Къеджэ Исаия 25:8; 33:24.)
5. ЩІылъэм щыІэну Жэнэтым хэт щыпсэунур?
Жэнэтым щыпсэунухэр Алыхьым хуэжыІэдаІуэ цІыхухэращ (1 Иуан 2:17). Хьисэ и гъуэгу ирикІуэхэм унафэ яхуищІащ цІыху Іэдэбхэр къалъыхъуэну икІи абыхэм Алыхьым гъунэгъу хуэхъуну дэІэпыкъуну. Ди зэманым Иеговэ цІыху мелуан куэд щІылъэм щыІэну Жэнэтым щыпсэуну хуегъэхьэзыр (Софония 2:3). Иеговэ и Щыхьэтхэр щызэхуэс Унэхэм цІыхухэм зыщагъасэ щхьэгъусэфІу, адэфІу, анэфІу щытыну. Апхуэдэ унэхэм адэ-анэхэмрэ я бынхэмрэ зэгъусэу Алыхьым щыхуолажьэ икІи Библием ит щІэныгъэхэм иджыпсту щыщІэдзауэ я гъащІэр нэхъыфІ зэрищІынур къыщащІэ. (Къеджэ Михей 4:1—4.)