3-НЭ ІЫХЬЭР
Гугъуехьхэм узэрыпэлъэщыфыну щІыкІэр
«Фи фІэщу фІыуэ фызэрылъагъу, фІылъагъуныгъэм гуэныхь куэд егъэгъури» (1 Петр 4:8).
Уи щхьэгъусэмрэ уэрэ зэгъусэу фыпсэун зэрыщІэвдзэрэ гугъуехь зэмылІэужьыгъуэ куэд фыхуэзауэ къыщІэкІынущ. Абыхэм щхьэусыгъуэ хуэхъункІэ хъунущ фи гупсысэкІэр, фи Іуэху еплъыкІэр, гъащІэм фызэрыхущытыр зэрызэщхьэщыкІыр. Е фэ фэмылъыта Іуэхугъуэ гуэрхэми ахэр къыхэкІынкІэ хъунущ.
Пэжщ, гугъуехьхэм упэлъэщын щхьэкІэ къару епхьэлІэну тыншкъым, ауэ дэ абы дыхущІэкъуну Библием дыкъыхуреджэ (Маттэ 5:23, 24). Гугъуехьхэм дыпэлъэщыну Библием ит принципхэр псом нэхърэ нэхъыфІу къыддоІэпыкъу.
1 ГУГЪУЕХЬЫМ ТЕУХУАУЭ ФЫЗЭПСАЛЪЭ
БИБЛИЕМ ЖИІЭР: «Ущыпсэлъэн зэмани» щыІэщ (Экклезиаст 3:1, 7). Фи гугъуехьым фытепсэлъыхьыну зэман хухэфх. А Іуэхум узэреплъымрэ уи гурыщІэхэмрэ теухуауэ уи щхьэгъусэм зыри щомыбзыщІу дэгуашэ. Сыт щыгъуи пэжыр жыІэ (Ефес 4:25). Укъэлыдыну ухьэзыру щытми, зэрызыпшыІэным къару ехьэлІэ. Щабэу жэуап птымэ, абы псалъэмакъыр куу ищІынукъым (Притчи 15:4; 26:20, Гъэс.).
Уи щхьэгъусэм жиІэмкІэ умыарэзыми, уи псэлъэкІэм сыт щыгъуи пщІэрэ лъагъуныгъэрэ хэлъын хуейщ (Колоссэ 4:6). Фи зэхуаку зэгурымыІуэныгъэ къыдыхьамэ, уи щхьэгъусэм зыхуэбгъэгусэу епсэлъэн щомыгъэту, нэхъ псынщІэу фызэрызэгурыІуэжынум фыхущІэкъу (Ефес 4:26).
ЧЭНДЖЭЩЫФІХЭР:
-
Фи зэхуаку къыдыхьа зэгурымыІуэныгъэм фытепсэлъыхьын щхьэкІэ абы хуэкІуэ зэман къыхэфх
-
Уи щхьэгъусэр щыпсалъэкІэ зэпомыуду едаІуэ, уэри уи чэзур къэсынущ
2 УИ ЩХЬЭГЪУСЭМ ЖИІЭМ ФІЫУЭ ЕДАІУЭ
БИБЛИЕМ ЖИІЭР: «Зэкъуэшхэм хуэдэу, фІыуэ фызэрылъагъу; фэ фи щхьэр зэрыфлъытэм нэхърэ, нэхъыфІу адрейхэр флъытэ» (Рим 12:10, ХъыбарыфІыр, 1993). Уэ жаІэм узэредаІуэ щІыкІэм мыхьэнэшхуэ иІэщ. Уи щхьэгъусэр фызытепсэлъыхьым зэреплъыр къэпщІэну хущІэкъу икІи Іэдэбагърэ гущІэгъурэ пхэлъу едаІуэ (1 Петр 3:8; Екъуб 1:19). Уи щхьэгъусэм уедаІуэ хуэдэу фэ зытомыгъауэ. ЗэрыхъукІэ уи Іуэхухэр егъэтІылъэкІи, уи щхьэгъусэм жиІэм уи акъылыр теухуэ е нэхъ гувауэ фызэпсалъэ хъунрэ мыхъунрэ щабэу къащІэ. Фэ зэпеуэ цІыхуитІу фызэрыщымытыр, атІэ зэныбжьэгъуитІу фызэрыщытыр фигу ивгъэлъу щытмэ, мы принципым фытетыну нэхъ тынш хъунущ: «Уи жагъуэ пщІыну умыпІащІэ» (Экклезиаст 7:9).
ЧЭНДЖЭЩЫФІХЭР:
-
Уи щхьэгъусэм жиІэр уигу иримыхьми, абы и псалъэхэр зэрызэхэпщІыкІыным иужь ит
-
Уи щхьэгъусэм и псалъэхэм лъабжьэ хуэхъур сытми егупсыс икІи абы и макъыр зэрихъуэжым, и нэкІумрэ и Іэхэмрэ зэрищІым гу лъытэ
3 УНАФЭ ФЩІАМ ФЫТЕТ
БИБЛИЕМ ЖИІЭР: «Дэтхэнэ зы лэжьыгъэми сэбэпынагъ къыпхуехь, ауэ псалъэ фІэкІ здэщымыІэм щыІэр тхьэмыщкІагъэщ» (Притчи 14:23). Гугъуехьым фызэрыхэкІынымкІэ фызэгурыІуэу къэвмыгъэнэжу унафэ фщІам фытет. Абы къару куэд текІуэдэнкІэ хъунущ, ауэ абы къыпэкІуэнум уасэ иІэкъым (Притчи 10:4, Гъэс.). Фэ фызэгурыІуэу фызэдэлажьэмэ, «фи лэжьыгъэм фІыгъуэ» къыпэкІуэнущ (Экклезиаст 4:9).
ЧЭНДЖЭЩЫФІХЭР:
-
Гугъуехьым фыпэлъэщын щхьэкІэ, щхьэж езым и лъэныкъуэкІэ ищІэным теухуауэ фызэгурыІуэ
-
Сыт хуэдэ ехъулІэныгъэхэр фиІэми зэман-зэманкІэрэ фегупсыс